About us
What is Circassian DNA project?
Circassian DNA is a project that studies history, archaeology, linguistics and of course the genetic make up of the Circassian people.
Admins of the project:
- Ali Berzeg (Circassia / USA)
- Muha (Circassia)
- Astemir Shebzukhov (Circassia)
Admin responsibilities:
- Talking to people, explaining to people what is genetic genealogy and why it is important for ethnic history.
- Looking for people who are willing to be tested.
- Giving instructions to new testers how to give samples and send them using post services.
- Interpreting the test results.
- Looking for sponsors for the project.
- Sponsoring tests for rare samples that are important for the project.
Things out of scope of project responsibilities:
- The project does not have a laboratory and do not make DNA sequencing.
- The project invests money in it’s activity but does not profit from it.
- The project members help in buying and interpreting the test results but they don’t give money for buying the tests.
Achievements of the Circassian DNA project:
- Testing 500 Circassian family names.
- Interpreting the test results of those families.
- Finding related families from Circassian Homeland and diaspora.
- Finding and researching the past of the Circassian ethnicity.
Doing a DNA test is like getting your passport that is a thousand years old – without having to spend years in researching archives. These are the benefits of DNA testing:
- Except the last 200-300 years our history is shrouded in darkness. Even though there are many historical documents where the Circassians are mentioned, we cannot reconstruct our history just by studying what foreigners wrote about our nation. After testing 500 Circassian families a lot has become clearer – the migration paths of our ancestors, the different components our nations is made up of. But still we have a long way to go before we answer all the questions that stand before us. If we take seriously the process of testing all of the Circassian families, we can guarantee that the origin and historical path of the Circassian people will be determined more or less precisely.
- Genetics is one of the ways to reunite such divided peoples as Circassians.
- Before doing a DNA test some people have a prejudice about “pure ethnicities”. But after doing a test many people realize that there is no such a thing as “pure ethnicity”. All humans intermingled in their past. Genetic genealogy is one of the ways to stop national prejudices.
- The Circassians have a saying: “A family trait strikes as far as seven generations”. Incest has been prohibited among Circassians since time immemorial. In the past it was a must to know seven generations of your forefathers. But nowadays there are more and more people who don’t know their ancestors. People cannot remember that much information now. There are many cases of intermarrying between closely related families. And that represents a serious threat to the gene pool of the Circassian people. If every Circassian family does a DNA test we will determine the relatedness of every family. Thanks to DNA testing before marrying young people can check if they are blood relatives or not. This way we can stop incest and save the gene pool of the Circassian people.
- After we become united through genetics we give a chance for science and logic to lead the way. Not just through ancient traditions but also according to standards of modern life based on science will give rise to new thinking and vision of the future.
Join us:
-
www.familytreedna.com/groups/circassian/
Reach us:
https://t.me/circassiandna/ (Telegram)
-
www.facebook.com/groups/circassianftdna/ (Facebook)
-
www.linkedin.com/company/circassiandna/ (LinkedIn)
-
https://twitter.com/circassianftdna/ (Twitter)
-
www.instagram.com/circassianftdna/ (Instagram)
-
https://ok.ru/circassiandna/ (Одноклассники)
Sincerely,
Circassian DNA project.
“Circassian DNA” прэектым и псагъэр
Сыт “Circassian DNA” зиIысыр?
“Circassian DNA”-р - ар адыгэ тхыдэр гъэнэхуэным, щIэныгъэр гъэбэгъуэным елэжьуэ зы прэектщ.
КъызэгъэпэщакIуэхэр:
-
Бэрзэджхэ Алий (Iэмерикэ)
-
Шыбзыхъуэхэ Iэстемыр (Къэбэрдей).
“Circassian DNA” къызэгъэпэщакIуэхэм ящIэхэр:
-
ЦIыхухэм доуэршэр, генетикэм и фIагъыуэ къакIуэр гурыIуэгъуэ ящI;
-
Тест зытын цIыху къалъыхъуэ;
-
Тест къэщэхукIэм и пIалъэ зымыщIэм ирагъэлъагъу;
-
Зэпэща тестхэм кърикIуар къапщытэж, гурыIуэгъуэ ящI;
-
Тест зэпэщахэм къигъэлъэгъуар сошыл медиэхэм къралъхьэ;
-
Мылъку-былымкIэ Iуэхум къыхыхьэфын къалъыхъуэ;
-
Зи генетикэр гъэщIэгъуэн, тхыдэшхуэ зиIэ лъэпкъ закъуэтIакъуэм тест къыхуащэху (езыхэм къахуэмыщэхужмэ, е нэрыбгэм Iуэхум гукъыдэжышхуэ хуимыIэмэ).
“Circassian DNA” къызэгъэпэщакIуэхэм ямыщIэхэр:
-
КъызэгъэпэщакIуэхэм лэбэрэторэ яIэкъым, езыхэм тест ящIкъым;
-
КъызэгъэпэщакIуэхэм я ахъшэ халъхьэ мыхъумэ, ахъшэ къэлэжьыным пылъкъым;
-
КъызэгъэпэщакIуэхэр тест къэзыщэхунум дэIэпыкъуэгъу, упщIэжэгъу хуохъу, ауэ тест уасэр ираткъым.
“Circassian DNA”-м нобэкIэ хузэфIэкIащ:
-
адыгэ лъэпкъ, унагъуэ 500 хуэдизым тест ирагъэтыныр,
-
ахэм тетхыхьыжыныр,
-
зэблагъэрэ зэрымыщIэу лIакъуэ куэд зэрагъэгъуэтыжыныр,
-
адыгэм и тхыдэм теухуа куэд ягъэнэхуэныр.
СыткIэ ищIын адыгэм генетикэр?
Генетикэ тест птыныр зэщхьыр илъэс мин бжыгъэ зи ныбжь уи тхыдэм и паспэрт къэпщэхуныр аращ - илъэс куэдкIэ Iэрхив ухэсын, тхылъымпIэ мин бжыгъэ зэIыпщIыкIын хуэмейуэ. Генетикэ тестым адыгэм и щхьэпагъэуэ мыхэр хыдолъагъуэ:
-
иужьырей илъэс 200-300 нэхъ мыхъумэ ди блэкIар куэду кIагъэпшагъэщ. Хамэм я дэфтэр закъуэтIакъуэ дыкъыщыхэщми ди тхыдэр абыкIэ иризэфIэбгъэувэжэныр пхузэфIэмыкIынуэ зыгуэрщ. Адыгэ лIакъуэ 500-м тест ята иужь куэд дыдэ наIуэ хъуащ, ауэ мыхъуар нэхъыбэжщ. ЛIакъуэ нэхъыбэм тест ятыху ди тхыдэр къэнэхуэжурэ кIуэнущ. Адыгэр генетикэм делIалIэмэ, ди блэкIам и шыфэлIыфIэр къэлъэгъуэжынкIэ шэсыпIэ дохьэ.
-
Адыгэм хуэдэу лъэпкъ зэкIэрыудахэр генетикэкIэ тыншу зэрыгъуэтыжыфынущ.
-
Тест птын ипэ адыгэмэ, тыркумэ, урысымэ, хьэрыпымэ фIэкI пщымыуауэ къыпщохъу. Тест пта иужь лъэпкъ “къабзэ” зэрыщымыIэр, цIыхуцIэ зиIэр зэрызэблагъэр гурыIуэгъуэ пщохъу. Генетикэр - ар лъэпкъ зэныкъуэкъур кърибгъэувыIэну зы Iэмэпсымэщ.
-
Адыгэм жиIащ: “ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ”. Зэшхэр зэрышэныр пасэ лъандэрэ адыгэм ягъэемыкIуу къокIуэкI. Зи адэжь и лIэужь зымыщIэ адыгэ щыIакъым, ауэ иджы куэд хъуащ. ЦIыхум апхуэдиз Iинфэрмацэ гукIэ кърахьэкIыжынукъым. Зэблагъэу, зэшуэ щыт куэдыр зэрышэж хъуащ - ящIэуи, ямыщIэуи. Ар куэду шынагъуэщ, адыгэм ди лъэпкъыщхьэр, генэфондыр зытекIуэдэфыну зыгуэрщ.
Адыгэ лIакъуэ, унагъуэцIэ къэс тест зэрыз ятмэ, зэблагъэхэмрэ-зэмыблагъэхэмрэ зэхэкIынущ. Генетикэм и фIыгъэкIэ нобэрей псэукIэм къезэгъыуэ хабзэ тхуэгъэувынщ - ныбжьыщIитIыр унагъуэу тIысыжын ипэ я благъагъэр лэбэрэторэ сайтым ихьырэ зэхагъэкIыу. Апхуэдэу дыубзыху иужь зилъ зэхэт зэрышэжыныр тхуэгъэувыIэнщ, теплъэкIэ, IэнтрэпэлогиекIэ, фенотипкIэ екIэкIуэн щIэзыдза адыгэр къыдэтхыжыфынщ.
-
Генетикэм жылэкIэ дыпэгъунэгъу хъу иужь щIэныгъэмрэ логикэмрэ текIуэнуэ зы гъуэгу ядот. Пасэрей Iуэху зехьэкIэ, гъащIэ лъэгъукIэр мыхъууэ ди нобэм къезэгъыуэ, щIэныгъэкIэ зэтегъэпсыхьауэ зы гупсысэ лъэпкъ жьантIэм къыщыунэхуфынщ.
Дэнэ тест щыпт хъуныр?
Тест щыпт хъун лэбэрэторэ куэд дыдэ щыIэщ. Псом нэхъыфIуэ къэтлъытэр Iэмерикэм и Хустон къалэм щыIэ “Family tree dna” лэбэрэторэращ. АбыкIэ шэсыпIэ йохьэ:
-
адыгэ лIакъуэ 500-м тест щатауэ зэрыщытыр (нэгъуэщI лэбэрэторэ укIуэмэ мы адыгэ гупышхуэм кIэрыча уохъу),
-
генетикэ тест зыщI лэбэрэторэхэм зэранэхъыжьыр, зыпэрыт IэнатIэм и пIалъэр фIыуэ зэращIэр (тест дэни щыптыфынщ, ауэ сыт хуэдэ Iуэхуми хуэдэу абы хуэIэижьи, хуэмыIэижьи щыIэщ. УкъэпцIэну ухуэмеймэ тест здэптынур лэбэрэторэфIщ. Ахэм я нэхъ лейуэ щытщ “Family tree dna”-р.),
-
цIыху мелуаних хуэдизым я генетикэ базэ зэраIэр (тест птыныр зы Iуэхущ, а птам кърикIуар interpretation жыхуаIэм хуэдэ щIыжын хуейщ. Тест къыздэпщэхуа лэбэрэторэм базэшхуэ имыIэмэ уи тестми зы уасэ иIэкъым. Уи Iуэху зытетыр гурыIуэгъуэ хъун щхьэкIэ уэр хуэду тест зыта цIыху куэдым зеппщытын хуейщ. “Family tree dna”-м тест зыщIауэ мелуаних хуэдиз зэраIэм ифIагъкIэ interpretation дэгъуу ящI),
-
уасэр егъэлеяуэ зэрамыгъэувыр (нэгъуэщI лэбэрэторэхэм уасэ пудкIэ удахьэхыфынщ, ауэ ящIэмрэ ящIам и уасэу пIахымрэ зэхуэбгъадэмэ, “Family tree dna”-м пэхъун гъуэтыгъуейщ),
-
гъэм къриубыдэу плIэрэ-тхуэрэ тестхэм я уасэр 20% зэрыраудыхыр (ахъшэкIэ фIыуэ къызэмыгъэпэщауэ тестым ехъуапсэхэмкIэ куэду щхьэпэщ),
-
тест птар илъэс 25-кIэ я базэм зэрырагъэлъыр (“Family tree dna”-м тест къыщыпщэхумэ илъэс 25-кIэ уи тестыр interpretation ящIыну псалъэ къуат. Апхуэдиз илъэскIэ лэбэрэторэм тест щызыту хъуам уи генетикэр ирагъапщэу щытынущ. Абы и фIагъкIэ илъэс куэд дэкIа иужьи тест щIэуэ зытахэм уи благъэ яхэтмэ къэплъэгъунущ. Псори уи персэнал кабинетым Iэутэмэтику къридзурэ кIуэнущ),
-
тест пудкIэ къыщIэбдзэу апгрейд пщIыуэрэ нэхъ тестыфI дыдэр хуэмурэ къызэрыпхуэщэхур (нэхъ тестыфIым хуэдэр зэуэ къыпхуэмыщэхумэ мыр хэкIыпIэ дэгъуэщ. Пудым хуэдэ япэ щIыкIэ къэпщэхуу тестым и кууагъыр хуэмурэ пхухэгъэхъуэнущ. Аращ апгрейд жыхуаIэр).
Сыт хуэдэ тест лIэужьыгъуэ щыIэ?
Y-тестхэр
Тестхэр лIэужьыгъуэ куэд мэхъу. Ипэ игъэщыпхъэу къэтлъытэр Y-тестхэращ. “Y” жиIэмэ цIыхухъу хрэмэсомэ жыхуиIэщ. Y-тестыр зытыфыныр, дауикI, цIыхухъурщ. Я куугъагъкIэ ахэр зыбжанэу зэщхьэщокI:
-
Y12
-
Y37
-
Y111
-
BigY-700.
12, 37, 111, 700-м къарыкIыр лIэужь (generations) бжыгъэращ. Тестыр нэхъ кууху - нэхъыбэ къыбощIэ. Тестыр нэхъ кууху нэхъыбэ иуасэщ.
mtDNA (mtFull Sequence) тестыр
Мы тестыр цIыхухъуи цIыхубзи яхуэтынщ - зытеухуар цIыхубз X-хрэмэсомыращ. ЦIыхухъухэм Y-хрэмэсоми X-хрэмэсоми яIэщ, цIыхубзхэм яIэр зэгуэгъу X-хрэмэсомитIщ. ЦIыхухъум и генетикэр ипэ ищ хуэду хъуауэ, цIыхубзым ейр пщIэншэу къонэ, ауэ ар узыхуэмейуэ зыгуэрщ. ЩIэныгъэ IуэхукIи цIыхубз генетикыр тщIэмэ куэду фIыщ, щхьэпэщ.
“Y”, “mt” тестхэм цIыхухъу-цIыхубз генетикэр зэщхьэщыхауэ къахутэмэ, Family Finder-м псори къызэдещтэ, ауэ кууэ Iэбэкъым. Сэ сызыцIыхущхьэу адэ-анэ сыкъалъхуащ - ар си япэрей лIэужьщ, си адэ-анэр къэзылъхужа адэшхуэ-анэшхуэхэр - етIуанэ лIэужьщ. Ауэрэ лIэужьитхукIэ уебжыхыжмэ уи адэжь-анэжьхэр цыхущхьэу 32 мэхъу. Мис а цIыхущхьэ бжыгъэрщ Iэутэсом Iэнализым иджыр. Мы тестым къегъэлъагъуэ:
-
адэжь-анэжь лIэужьитхум я генетикэр прэцент бжыгъэкIэ сыт хуэдэу зэхэджами: Кэфказу, КъухьэпIэ Ауропэу, Анэдолэу, Сыбыру генетикэ прэцент дапщэ пхэтми
-
тест зытахэм лъыкIэ къыбгухьу яхэтми.
Сыт хуэдэ тестыр нэхъыфI, нэхъапэ?
УцIыхухъумэ япэ дыдэрауэ - BigY-700.
УцIыхубзмэ - mtFull Sequence-рэ Family Finder-рэ
УцIыхухъурэ мыхэри къыпхуэщэхумэ, mtFull Sequence-ри Family Finder-ри - дэгъуэщ.
Тестхэм сыт я уасэ?
ИпэкIэ зэрыжытIащи, “Family tree dna” лэбэрэторэм илъэсым плIэрэ-тхуэрэ sale яIэщ (20% хуэдизкIэ уасэр ирагъэхуэх). Ущэхуэнумэ апхуэдэ зыгуэрым тебгъэхуэнри хъунщ. Уасэр къызэрабжыр, дауикI, долэрщ. Тестхэм хуэзэр къыдотх, sale щыщыIэм и уасэр игъусэжу:
-
Y12: 79$ - 20% = 59$
-
Y37: 119$ - 20% = 79$
-
Y111: 249 - 20% = 199$
-
BigY-700: 449$ - 20% = 379$
-
mtFull Sequence: 159$ - 20% = 129$
-
Family Finder: 79$ - 20% = 49$
Тестыр дауэ къызэрыпщэхунур?
-
https://www.familytreedna.com/groups/circassian - линкымкIэ уохьэ,
-
“Join” жыхуиIэм тыбокъузэ,
-
“If you have not already purchased a kit, you can do so here”-м тыбопIытIэ,
-
къэпщэхуну узыхуей тестыр къыхыбохри “Order now”-м тыбокъузэ,
-
Coupon уиIэмэ “Coupon code” жыхуиIэм деж иботхэри, “APPLY”-м утоуэ,
-
“Proceed To Checkout” жыхуиIэм тыбокъузэри напэкIуэцIыщIэ уохьэ, уздэпсор, уи картэ номерыр, телефоныр, мэйлыр, н. къ. иботхэри “Place Order”-м тыбокъузэж.
Сыт адэкIэ пщIэнур?
Тестыр къэщыпщэхум иптха мэйлым уихьэмэ логинрэ пасуордрэ кърагъэхьауэ илъынущ - ар уи персэнал кэбинетым ейщ. АхэмкIэ лэбэрэторэм и сайтым уохьэри “Tracking Your Package” жыхуиIэм гу лъыботэ. Уи пэкетыр къежьэу къыпIэрыхьэху укIэлъыплъыфынущ.
Си пэкетыр къысIэрыхьэмэ щэ?
Ущыпсэу хэгъэгум теухуащ Iэмерикэм къикIыуэ пэкетыр къызэрысыну пIалъэр. Псалъэм папщIэ, Къэбэрдейм нэс мазэкIэ къокIуэ. Къэса иужь уи мэйлым sms къыпхурагъэхьынущ, ерэ персэнал кэбинетым уихьэмэ абдежи къыпхуэлъэгъунщ. Пэкетым баш цIыкIуитI хъуакIэ ятету илъ хабзэщ. ПщIэнуращи, етIуанэ пщэддыжьым ушхэн, уи дзэр плъэщIын ипэ башитIымкIи фIыуэ Iупс къызэщIэбокъуэри пэкетым иболъхьэж. Аращ уи генетикэ мэтериалыр къызыхахынур, уилъыракъым. ПщIэнур пщIа иужь пэкетыр зэтыбопIэжри къыздикIа дыдэм ибогъэхьыж.
Тестыр зэпэщмэ дауэ къызэрысщIэнур?
Уи пэкетыр къызэрысам хуэдиз гуэркIэ Iэмерикэм нэсыжынущ. Лэбэрэторэм къазэрыIэрыхьэжу уи кэбинетым “тестыр тщIын щIэддзащ” жоууэ статусыщIэ къытридзэнущ. Тестыр нэхъ кууху нэхъ кIыхьлIыхьу ящI. Псалъэм папщIэ, BigY-700-м мазэ хуэдиз ехь.
Тестыр зэпэщащ, ауэ ятхар къыбгурыIуэкъэ?
Тестыр къыпIэрыхьэжами абы кърикIуар иджыри къыбгурIуэн хуейщ. Генетикэм и пIалъэ умыщIэмэ, бжыгъэ зыкъомрэ лэтин тхыпкъ зыбжанэрэ плъагъукIэ къыбгурIуэн щыIэкъым. Ди гупыр тестыр зэпкъырыхынымкIэ щхьэпэн мэхъу. А бжыгъэхэм, тхыпкъхэм къарыкIыр наIуэ пщащIынущ, тестым къигъэлъэгъуам ипкъ иткIэ щIапхъэхэр къыбгурагъэIуэнущ.
Фыщымыуэ!
-
ТесткIэ уадыгэрэ умыадыгэрэ зэхагъэкIкъым. Адыгэ гэплэгрупэ щыIэкъым. ГенетикэмкIэ ди тхыдэм дриплъэжу аращ.
-
Iэмерикэм уи Iупс ебгъэхь/йомыгъэхь щхьэкIэ узыгъэлIэн щхъухь къагупсысын/къамыгупсысын къэнэнукъым. Апхуэду щыхъуакIэ, иужьырей илъэсхэм къриубыдэу кэрэнэвирус тест пщIырыпщI зымыта къытхэтыжкъым.
-
Генетикэм къихутэр къызэрихутэфыр зи фIэщ мыхъум, щIэныгъэр здынэсар и фIэщ мыхъууращ. Ди телефонхэр, кэмпутырхэр, кхъухьлъатэхэр къытщыхъурэ, хьэмэрэ физикыуэ щыIэ?!
IупэфIэгъу, упщIэжэгъу, дэIэпыкъуэгъу, IуэхущIэгъу дызэхуэхъумэ ди гуапэщ.
Ди хэщIапIэхэр
JOIN us:
www.familytreedna.com/groups/circassian/
Reach us:
https://ok.ru/circassiandna/ (Одноклассники)
https://t.me/circassiandna/ (Telegram)
https://twitter.com/circassianftdna/ (Twitter)
www.instagram.com/circassianftdna/ (Instagram)
www.facebook.com/groups/circassianftdna/ (Facebook)
www.linkedin.com/company/circassiandna/ (LinkedIn)
“Circassian DNA” гупым къабгъэдэкIыу